- а
- I первая буква кабардино-черкесского алфавита/ Адыгэ алфавитым и япэ хьэрф.II указат. мест. тот, то/ Щхьэ гуэр е предмет къигъэлъагъуэу къагъэсэбэп.* А къалэныр си дежкIэ насыпу солъытэ. Къ. Хь. А дакъикъэм Берд и гупыр псы Iуфэм къыIулъэдащ. Н. З. А лIы ерыщхэм, шынэхъыщIэ, таурыхъхэу, уэрэдхэу, псалъэжьхэу, шыпсэхэу ягъуэтыр ятхащ. Т. Хь.(А-А) III междом 1. выражает припоминание, удивление, догадку/ ГъэщIэгъуэныгъэ, къэуIэбжьыныгъэ къегъэлъагъуэ.* А-а, щIалэ махуэ хъун, нобэ дыбгъэIуэщхъуащ, узыхуэдгъэджэнур дымыщIэу. Къу. С. А-а, Кушыку, си ныбжьэгъужь, къеблагъэ, ди хьэгъуэлIыгъуэм къытхухэплъэ ! Къу. Б. А-а, фэра ар? Еблагъэ, Нурхьэлий, еблагъэ уэри, Исхьэкъ ! КI. А.2. выражает узнавание/ Зыгуэр къыщащIэжым, къыщацIыхужым деж жаIэ.* А-а, а агрономыр сэ соцIыху. Iуащхь.3. выражает неуважение, пренебрежение говорящего по отношению к предмету разговора/ Зи гугъу ящIым пщIэшхуэ зэрыхуимыщIыр, мыхьэнэшхуэ иIэу къызэримылъытэр къегъэлъагъуэ.* А-а, мо делъэIуделафэра зи гугъу пщIыр ? Ныбжьэгъу делэ нэхърэ жагъуэгъу губзыгъэ жыхуаIэр пэжщ. Т. Хь. А-а! Мыхьэнэ къикIыркъым абы, псори къайгъэншэу зэфIэкIынущ. Къ. М.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.